Лъы1эсрэ ык1и лъымы1эсрэ глаголхэр.
план-конспект урока (6 класс) на тему
.. Глаголым имэхьан,лъэпсэ нэшанэу и1эхэр агу къэгъэк1ыжьыгъэныр ык1и гъэпытэжьыгъэныр;
2.глаголхэу пэблэгъэ дополнение зигъусэн зылъэк1ыщтмэ лъы1эсрэ глаголхэр зэрара1орэр, дополнениехэр зигъусэн зымылъэк1ыщтхэр
лъымы1эсрэ глаголхэу зэрэщытхэр агурыгъэ1огъэныр.
Скачать:
Предварительный просмотр:
Темэр: Лъы1эсрэ ык1и лъымы1эсрэ глаголхэр.
Мурадыр:1. Глаголым имэхьан,лъэпсэ нэшанэу и1эхэр агу къэгъэк1ыжьыгъэныр ык1и гъэпытэжьыгъэныр;
2.глаголхэу пэблэгъэ дополнение зигъусэн зылъэк1ыщтмэ лъы1эсрэ глаголхэр зэрара1орэр, дополнениехэр зигъусэн зымылъэк1ыщтхэр
лъымы1эсрэ глаголхэу зэрэщытхэр агурыгъэ1огъэныр.
Нэрылъэгъу 1эпы1эгъур: компьютерыр, мультимедийнэ проекторыр.
- Урокым изэхэщэн.
- Унэмк1э гъэцэк1энэу я1агъэм иуплъэк1ужьын.
- Гущы1элъэ 1офш1эн.
- Темак1эм икъэ1отэн.
- Темак1эм игъэпытэжьын .
- Урокым изэфэхьысыжьын.
- Унэмк1э гъэцэк1эн.
Темэмрэ мурадымрэ я1огъэныр. ( слайд 1,2)
II. Унэмк1э я1агъэм иуплъэк1ужьын.
1. Карточкэхэмк1э нэбгырищ 1оф аш1э. (Гущы1эухыгъэмэ глаголхэр ахагъэуцожьы)
1. Псыхъо ц1ык1ур къушъхьэ чапэм … .
- Тыгъуасэ Шъхьэгуащэ чъыг инышхо … .
- Бжыхьэ к1асэр …. .
- Бжыхьэ ощхыр зэпымыоу … .
- Мэкъуаохэр шъофым …. .
- Къухьэр ерагъэу … .
- Пк1ашъэхэр псым шъабэу … .
- Бжыхьэм пц1ашхъохэр, пчэндэхъухэр, къуанч1эхэр хэгъэгу фабэхэм … .
- Еджэп1э садым пк1ышъхьэ-мышъхьэ чъыг зэфэшъхьафхэр …. .
2. Адрэхэм доскэм дэжь 1оф щаш1э.
Доскэм гущы1эухыгъэхэр тетхагъэу ищык1эгъэ гущы1эхэр хагъэуцожьых.
Лэжьак1омэ коц бэгъуагъэ …. (1уахыжьы).
Гущы1э дахэм блэр гъуанэм ….(къырещы).
Ныбджэгъум занк1эу …(къыуе1о), пыим уак1ыбк1э…. (ще1о)
Жъым игущы1э к1алэм иакъыл … (тек1о).
III. Гущы1элъэ 1офш1эн. (слайд 3,4,5,)
1.Сурэтмэ арыт пкъыгъохэмрэ ахэмэ ашIэхэмрэ зэфэшъухьысы к1и шъутхых. Урысыбзэк1и зэтэдзэк1ыжьы, тэтхы.
(Ауплъэк1ужьы зым иер зым 1ехышъ)
Мы къэшъутхыгъэхэр сыд фэдэ упч1а зиджэуапхэр?
2. Адэ, мы гущы1эмэ сыд фэдэ упч1а афэжъугъэуцун шъулъэк1ыщтыр?
Сыда мыхэмэ къагъэлъагъорэр? (К1элэеджак1омэ къа1о).
(К1элэеджак1охэр къеджэх, глаголхэр къыхагъэщы, упч1эхэр агъэуцу).
Шыр мэщыщышъ, хьэр мэхьакъу.
Хьэр мэхьакъу, къор мэшIуи,
Чэтыр мэкъакъэ, чэтыр мэкъуртэ,
Атэкъэжъыр маIо, тхьачэтыхъур къадекIокIы.
Быгъур мэгъуахъошъ щагум дэкIы.
К1-дж . Сурэтхэм сыда арышъулъагъорэр? (слайд 7)
1.Гущы1эухыгъэхэр къэтэгупшысы. (Шык1эр мачъэ)
Тэра подлежащэу къыхэфагъэр? (шык1эр)
Сыд фэдэ падежа зэрытыр? ( ц1.п., к1эухэу -р- и1эр)
Шык1эм сыда ыш1эрэр? ( шык1эр мачъэ)
Мачъэ зыфи1орэр сыд фэдэ бзэ гущы1а, ык1и гущы1эухыгъэм сыда къызэрэхэфагъэр? (глагол, гущы1эухыгъэм сказуемэу къыхэфагъ).
Тэра подлежащэу къыхэфагъэр? (Пшъашъэр )
Сыд фэдэ падежа зэрытыр? ( ц1.п., к1эухэу -р- и1эр)
Пшъашъэм сыда ыш1эрэр? (Пшъашъэр еджэ.)
Еджэ зыфи1орэр сыд фэдэ бзэ гущы1а, ык1и гущы1эухыгъэм сыда къызэрэхэфагъэр? (глагол, гущы1эухыгъэм сказуемэу къыхэфагъ).
Тэра подлежащэу къыхэфагъэр? (Комбайнэм)
Сыд фэдэ падежа зэрытыр? ( эр.п., к1эухэу -м- и1эр)
Комбайнэм сыда ыш1эрэр? (Комбайнэм ехы)
Ехы зыфи1орэр сыд фэдэ бзэ гущы1а, ык1и гущы1эухыгъэм сыда къызэрэхэфагъэр? (глагол, гущы1эухыгъэм сказуемэу къыхэфагъ).
Комбайнэм сыда ыхырэр? (коцыр)
Сыда ар гущы1эухыгъэм къызэрэхэфагъэр? (дополнение)
Тэра подлежащэу къыхэфагъэр? (тракторым)
Сыд фэдэ падежа зэрытыр? ( эр.п., к1эухэу -м- и1эр)
Тракторым сыда ыш1эрэр? (Тракторым ежъо.)
Ежъо зыфи1орэр сыд фэдэ бзэ гущы1а, ык1и гущы1эухыгъэм сыда къызэрэхэфагъэр? (глагол, гущы1эухыгъэм сказуемэу къыхэфагъ).
Тракторым сыда ыжъорэр? (коцыр)
Сыда ар гущы1эухыгъэм къызэрэхэфагъэр? (дополнение)
Лъы1эсрэ глаголым иподлежащэ эргатив падежым еты, ипэблэгъэ дополнение ц1. п. еты. Гущы1эм пае: Комбайнэм коцыр ехы. Тракторым шъофыр ежъо.
Лъымы1эсрэ глаголым иподлежащэ ц1э п. еты.Гущы1эм пае: Шык1эр мачъэ. Пшъашъэр еджэ.
Лъымы1эсрэ глаголхэм пэблэгъэ дополнение я1эп,ау едзэк1ыгъэ дополнение зи1эхэр ахэтых, гущы1эм пае: Врачыр сымаджэм е1азэ.
Щысэхэр къахьых, доскэм къытратхэ.
К1алэмэ машэхэр ат1ых. Пхъаш1эр мэпхъаш1э. Пшъашъэм унэр къызэ1ехы. Гъук1эр мэгъук1э. Ныор мадэ. Л1ыжъым пшысэр къе1уатэ. К1элэегъаджэм к1элэц1ык1ухэр регъаджэх.
V. Tынэмэ зядгъэгъэпсэфын . (слайд 8-19)
VI. Тхылъым 1оф дэш1эгъэныр.
1оф. 281 (тетрадым дэтэтхэ). Лъымы1эсрэ глаголхэр къыхэтэтхык1ы.
VII. Объяснительнэ диктант.
Лъы1эсрэ лъымы1эсрэ глаголхэр къыхагъэщы.
Лэжьак1ом ш1уанэхэр къафихьыгъэх. Ш1уанэхэр к1алэхэм ашти пк1эныр рагъэжьагъ. Комбайнерым к1эз фэмыхъоу коцыр 1уехыжьы. Коцыр токым ащэшъ тыратакъо. К1элэц1ык1ур п1ырагум еуагъ. П1ырагур лъагэу дэк1уаи ч1ыгум къытефэжьыгъ.
VIII. Творческэ 1офш1эн. (слайд 20-21)
ГущыIэзэгъусэхэмрэ сэнэхьатым ыцIэрэ тэрэзэу
зэфэшъухьысымэ, гущыIэухыгъэ гъэпсыгъэ хъущт. Гущы1эухыгъэу дгъэпсыгъэхэр лъы1эсмэ лъымы1эсмэ къэшъу1ощт.
К1элэегъаджэм- сабыйхэр регъаджэ.
К1-дж. Мы урокым сыда тызтегущы1агъэр?
Сыд фэдэ глаголхэр ара лъы1эс глаголк1э тызаджэрэр?
Сыд фэдэ глаголхэр ара лъымы1эсрэ глаголк1э тызаджэрэр?
Пр.71.,1оф.282. Лъы1эсрэ глаголэу хэтхэмрэ, ахэмэ пэблэгъэ дополнениеу я1эхэмрэ къыхэтэтхык1ы.
Непэ урокым дэгъоу 1оф щызыш1агъэхэр…
Урокыр тыухыгъэ . Тхьашъуегъэпсэу. Хъярк1э.
По теме: методические разработки, презентации и конспекты
К1элэеджак1охэр причастием нэ1уасэ фэш1ыгъэнхэр. Глаголыр гущыIэухыхэм къыхагъэщышъоу ыкIи ахэр агъэфедэшъоу егъэсэгъэнхэр. Глаголым играмматическэ нэшанэхэр зэхэфыгъэнхэр.
К1элэеджак1охэр причастием нэ1уасэ фэш1ыгъэнхэр. Глаголыр IэубытыпIэ тшIызэ причастиер зыщыщыр зэхэфыгъэныр. Причастиехэр гущы.
. Глаголым имэхьан,лъэпсэ нэшанэу и1эхэр агу къэгъэк1ыжьыгъэныр ык1и гъэпытэжьыгъэныр;2.глаголхэу пэблэгъэ дополнение зигъусэн зылъэк1ыщтмэ лъы1эсрэ глаголхэр зэрара1орэр, дополнениехэр зигъусэн зымыл.
Создание условий для усвоения темы, развитие готовности мышления к усвоению новых способов деятельности, развитие мыслительных.
Создание условий для усвоения темы, развитие готовности мышления к усвоению новых способов деятельности, развитие мыслительных.
Источник статьи: http://nsportal.ru/shkola/rodnoy-yazyk-i-literatura/library/2015/01/21/ly1esre-yk1i-lymy1esre-glagolkher
Конспект урока по кабардино-черкесскому языку «Глагол, его значение» (6 класс)
Международные дистанционные “ШКОЛЬНЫЕ ИНФОКОНКУРСЫ”
для дошкольников и учеников 1–11 классов
е 6-нэ классым и еджак1уэхэращ.
— Мыпхуэдэ мэкъамэ уеда1уэурэ сытхэр пхуэщ1эну?
-Укъэфэфынущ, уджэгуфынущ,ужэфынущ, н.къ.
— Ит зэманым ивгъувэт а псалъэхэр щхьэк1э зэфхъуэк1ыурэ.
(сабийхэм лэжьыгъэр жьэры1уатэу ягъэзащ1э)
— Псалъэ лъэпкъыгъуэк1э зищ1ысыр сыт мы псалъэхэр?
— Нобэрей ди темэри зытеухуар аращ, глаголыращ. Глаголым теухуауэ фщ1э псори къэтпщытэжынщ.
1. ( орг . момент) «Ассоциация»
Е. — Фи нэр зэтефп1и «газет» жыф1эт.
— Сыт фи нэгу къыщ1игъыхьэр а псалъэм?
— Сыт хуэдэ газетхэм я ц1эхэр фщ1эрэ?
— Фи унагъуэхэм сыт хуэдэ газетхэр щызэрахьэрэ, фи адэ анэхэр сыт хуэдэ газетхэм еджэрэ?
— Сыт зэреджэр газетхэмрэ журналхэмрэ къыщыдагъэк1 унэм?
— Нобэрей ди урокыр адрей урокхэм ещхькъым. Дэ «Глагол»-к1э зэджэ редакцияр къыдэлъэ1уащ газетым тратхэну материалхэр яхуэдгъэхьэзырыну. Абы ипкъ итк1э фэ дэтхэнэри иджыпсту газетым и лэжьак1уэ фыхъун хуейщ. Газет редакциям фыщылэжьэн щхьэк1э куэд фщ1эн хуейщ, куэдми фыщыгъуазэу фыщытын хуейщ. Абы щхьэк1э собеседование едгъэк1уэк1ын хуейщ. Иджыпсту зы джэгук1э дыджэгунущи, упщ1эхэм жэуап тэмэму къефтыфмэ псори «Глагол» редакциям фыщылэжьэну хуит фызощ1.Джэгук1эм зэреджэр «Пэжрэ, пц1ырэ»-щ.
а) Глаголыр зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ. +
б) Глаголым лэжьыгъэ гуэр къегъэлъагъуэ +
в) Глаголым упщ1эу хуоув (хэт? сыт?) —
г) Глаголым щхьэк1э зехъуэж +
д) Глаголым зэманк1э зехъуэж+
е) Глаголым бжыгъэк1э зехъуэж +
ж) Глаголым предметым и фэр къегъэлъагъуэ-
-Жэуапхэр тэмэму къызэфтащи, псори «Глагол» редакциям и лэжьак1уэу фыкъызощтэ. Редакциям щ1эс ц1ыхухэр гуп -гупу отделхэм щылажьэу аращи, фэри гуп-гупу отделхэм фыщ1эзгъэт1ысхьэнщ, урок псок1э редакциям фыщылэжьэнущи, япэ дыдэу къэвлэжьыну улахуэр (зарплатэр) балл бжыгъэк1э къэдгъэлъэгъуэнущ, ар нэхъ лъагэ зэрыхъуным яужь фит.
Фи тетрадхэм ивотхэ лэжьак1уэ фыкъыщащта мазэр, махуэр (числор).Редакторхэр дахэу ик1и пэжу тхэн хуейщи,фегугъуу фытхэ.
«Ар псоми ф1ыуэ фщ1эн хуейщ»
Адыгэ алфавитым и хьэрфхэм щыщу фигу нэхъ дэзыхьэхымк1э щапхъэхэр къэфхь.
дж.- джабэ джафэ джэлащ н.къ.
Зы псалъэ къэс зы балл къыволэжь (баллхэр доскам къитхэн, ряд е ц1ыху къэс ейр).
Хэту п1эрэ мы отделым и нэхъыщхьэр?
Ар къэфщ1эну фыхуеймэ, мы усэм фыкъеджи, псалъэ щыгъэпщк1уар къэвгъуэт. (акростих-научное название).Мыр акроусэщ.
-Газет, журнал,тетрадь е тхылъ
Лэжьэну хуейхэм я пщэрылъщ
Ар ди щ1эныгъэм и курылъщ,
Газет, журнал, тетрадь е тхылъ.
О-о-о абы гухэлъхэри къыбжа1ыф
Лэжьэну хуейхэри къагъуэтыф. (2 балла)
-Газетым и япэ напэр псом нэхърэ нэхъ гугъущ ик1и нэхъыщхьэщ. Сыт хуэдэу п1эрэ япэ напэри адрейхэри зэрыщытын хуейр? Ар дахэу, удихьэхыу, дыубзыхуэнщ иджыпсту.
а) Темэ зытеухуар тэмэму зэк1элъыхьауэ зэрыщытыр (последоват.содержания)
б) Нэгъэсауэ зэхэлъхьа зэрыхъуар (полнота содержания).
в) Эстетикэ и лъэныкъуэк1э газетым и теплъэр. (эстетичность оформления)
6. Группэхэм я лэжьыгъэр къэгъэлъэгъуэн.
псалъэ лъэпкъыгъуэщ предметым ищ1эр
къегъэлъагъуэ сыт къыщыщ1ыр?
Зи щхьэ хущыт псалъэ лъэпкъыгъуэщ.
Предметым ищ1эр е къыщ1ыщ1ыр къегъэлъагъуэ.
Щхьэк1э, бжыгъэк1э, зэманк1э зехъуэж. (хэт пэжу, дахэу ищ1ами баллищ хуагъэув — 3 балла)
Зэк1ужу зэк1элъыхьауэ зэрыщытыр
И дэхагъ, гъэщ1эгъуэнагъыу зэрызэхэлъхьар
Къык1элъык1уэ лэжьыгъэм Глаголым теухуауэ фи научнэ щ1эныгъэхэр къыщывгъэлъэгъуэн хуейщ. Къехыгъуит1ым хэт псалъэхэр зэгуэвдзэурэ псалъэжьхэр зэхэвгъэувэж.
1. Лажьэм лыжь ешхыр — егъэлъап1э
2.Лэжьыгъэм ц1ыхур — къыдок1уэ
3. Хьэщ1эм насып — гъэсэныгъи и1эщ
4. Шы1эныгъэ зи1эм — мылэжьар хущ1огъуэжыр
— Псалъэ щ1этхъахэр зэманк1э зэфхъуэк1.
ит зэман къэк1уэну зэман блэк1а зэман
Музыкальнэ физминуткэ (зарядкэ дощ1)
« Глагольск» жыхуи1э къалэм дыдэ1эпыкъун хуейщ. Абы жьапщэшхуэ къыщыхъури глаголхэр гужьеяуэ зэбгырыжащи, иджы я унэхэр къахуэгъуэтыжыркъым,щхьэж я унэ ешэл1эжын хуейщ.
Хъ ыбарыщ1э темыту зы газети къыдагъэк1ыркъым, иджыпсту ахэр къэтщ1энщ. (Лэжь.185, н.116)
Зэгъусэу лэжьыгъэ ягъэзащ1э (работа в парах)
Лэжь. 187 Щ1акхъуэм зэрыхущытынр хуейр къыжыф1э, абы теухуауэ фи гупсысэхэри къызжеф1э.
Ди редакциям письмо къэк1уащ сюрприз игъусэу, упщ1эхэм жэуап ефтын хуейщ.
б) Сыт ищ1эр? Сыт къыщыщ1ыр?
3.Куэд бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ глаголхэр къэгъуэт.
б) Мэкъумэшыш1эхэм губгъуэм гъавэхэр трасэ.
4. Ит зэманым ит глаголхэр къэвгъуэт.
5. Псалъэухар зэпкъырыфхи, глаголыр къэвгъуэт.
Гъатхэм траса гъавэр, бэву бжьыхьэм кърахьэл1эж.
П ланёркэм газет редакцэм и лэжьак1уэхэр псори зэхуосри, я лэжьыгъэхэр къызэщ1акъуэж.
— Гъэщ1эгъуэн, хьэлэмэт хъуауэ п1эрэ ди газетыр?
— Сыт нэхъ удэзыхьэхыу хэт, мы къыдэк1ыгъуэм?
— Нэгъуэщ1 школ щеджэ ц1ык1ухэм ягу ирихьыну п1эрэ,мыпхуэдэ газетхэр?
Урокым ф1ыуэ щылэжьа ц1ык1ухэм къэвлэжьа фи улахуэр балл бжыгъэк1э фызотыж. (егъэджак1уэм оценкэхэр егъэувыж)
Источник статьи: http://infourok.ru/konspekt-uroka-po-kabardino-cherkesskomu-yazyku-glagol-ego-znachenie-6-klass-4214109.html
Рабочая программа в 6 кл «Кабардинский язык»
Международные дистанционные “ШКОЛЬНЫЕ ИНФОКОНКУРСЫ”
для дошкольников и учеников 1–11 классов
Зэрылажьэ программэр зэхэлъхьащ мы къэк1уэну нормативнэ тхылъхэр и лъабжьэу:
Федеральнэ государственнэ стандартыр (от 017.12. 2010 г. № 1897)
Урысей Федерацэм щ I эныгъэ егъэгъуэтынымк I э 2012 гъэм декабрым и 29-м къищта федеральнэ закон № 273- ФЗ-р, (ред. от 29.12.2014) «Об образовании в Российской Федерации» (с изм. и доп., вступ. в силу с 06.05.2014);
Закон КБР от 24 апреля 2014 года № 23-Р3 (ред. от 03.04.2014 года № 71-Р3) «Об образовании»;
Приказ МОН КБР от 30.06.2015 года №676 «Об утверждении республиканского базисного учебного плана для образовательных учреждений КБР на 2015-2016 учебный год »;
Типовой положенэ щ1эныгъэ щызэрагъэгъуэт еджап1эхэм теухуауэ РФ и правительствэм къищта унафэ №196 19 мартым 2001 гъэм къыдэк1ар;
Санитарно-эпидемиологическэ правилэм и нормативхэу СанПиН 2.4.2.2821-10 «Санитарно-эпидемиологические требования к условиям и организации обучения в общеобразовательных учреждениях», зарегистрированные в Минюсте России 3 марта 2011 года, регистрационный номер 19993;
Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм егъэджэныгъэмрэ щ I эныгъэмк I э Министерствэм щ I эныгъэ егъэгъуэтынымк I э I уэхущ I ап I эхэм 2015-2016 гъэ еджэгъуэм зэрегъэджапхъэу къыхиха тхылъхэмк I э къищта унафэр, ( от 31 марта 2014 года № 253)(ред. От 08.06.15 года)
«О республиканском комплекте учебников», от 18 июля 2011 г. N 67-РЗ
«О республиканской целевой программе «Модернизация учебной книги на национальных языках на 2007-2011 годы», от 21 ноября 2007 года N 83-РЗ
Хьэт1охъущыкъуей къуажэм дэт Муниципальнэ курыт еджап1э ещанэм зэхигъэува зэрылажьэ программэм теухуа Положенэм япкъ итк1э (от31.08.12. №144)
Хьэт1охъущыкъуей къуажэм дэт Муниципальнэ курыт еджап1э ещанэм зэхигъэува зэрылажьэ учебнэ планым ипкъ итк1э 2015-2016 (пр № 132 от 20.08.15г.)
Адыгэбзэр зэхэгъэуващ « 5-11 классхэм папщ1э адыгэбзэмк1э программэхэр» авторхэр:Джаурджий Хь.З., Багъы Н.А. н.2013гъ. Налшык къыщыдэк1ам тету
адыгэбзэм хуа1э лъагъуныгъэр нэхъ куу щ1ын;
бзэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр урипсэлъэфын къудейуэ зэрыщымытым гу лъегъэтэн;
фонетикэм, лексикэм, псалъэухахэм, псалъэ зэпхахэм теухуауэ я1э щ1эныгъэр нэхъ куу щ1ын;
правилэ зрагъэщ1ахэр тхыгъэм къыщагъэсэбэпыфу есэным гулъытэ хуэщ1ын;
еджак1уэхэм я бзэм зегъэужьын, я словарнэ запасым хэгъэхъуэн.
тэмэму псэлъэнымк1и,тхэнымк1и, къеджэнымк1и еджак1уэхэм я1э есэныгъэр егъэф1эк1уэн;
я бзэр тэмэму яухуэфу,дэтхэнэ псалъэри егупсысауэ къаъэсэбэпыфу егъэсэн;
еджак1уэхэм етын фонетикэм,морфологием,синтаксисым,псалъэ къэхъук1эм, пунктуацэм ехьэл1ауэ щ1эныгъэ пыухык1ахэр;
еджак1уэхэм я логическэ гупсысэк1эм зиужьынымк1э дэ1эпыкъуэгъу хъун.
Мурадыр : я анэдэлъхубзэр тыншу, шэрыуэу ягъэбзэрэбзэфу егъэсэным хущ1экъун;
щыуагъэншэу тхэнымк1э орфографием теухуа правилэ зрагъэщ1ахэр
бзэм хуащ1 пщ1эр нэхъ лъагэ щ1ынымк1э адыгэ лъэпкъым къадек1уэк1 хабзэ дахэхэр къэгъэсэбэпын.
4.Адыгэбзэр егъэджыныр къызэгъэпэщыпхъэщ компетентностнэ (лъэк1ыныгъэхэм зезыгъэужь) бгъэдыхьэк1эм тету. Абы тещ1ыхьауэ еханэ классым зыщаужь )
коммуникативнэ (зэрызэгуры1уэ, зэрызэпыщ1а) компетенцэхэм,
лингвистическэ (бзэщ1эныгъэ) компетенцэхэм,
Еханэ классым щеджэ еджак1уэхэм адыгэбзэмк1э ягъэзэщ1апхъэ лэжьыгъэхэр, я зэф1эк1хэр, щ1эныгъэр егъэф1эк1уэнымк1э ахэр зыхуэунэт1ахэр (компетенцэ елъытауэ)
Щ1эныгъэм и ф1агъыр къэзыгъэлъагъуэ унэт1ыныгъэхэр:
— предметымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр ( предметные компетенции)
— гъащ1эм, ц1ыхухэм яхэтынымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (социальные
— культурэ куэдым хэзэгъэнымк1э, ар зыхащ1энымк1э ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр
-информацэ зэхуэхьэсыным, абы и къэгъэсэбэпык1эм ехьэл1ауэ ягъуэт
лъэк1ыныгъэхэр (информационные компетенции)
— гъэсэныгъэ елъытауэ ягъуэт лъэк1ыныгъэхэр (общекультурные компетенции).
5 . Еханэ классым адыгэбзэмк1э и программэр джыным сыхьэт 68-рэ хухах, тхьэмахуэм сыхьэтит1 ирет.
Адыгэбзэр щебгъаджэк1э къэбгъэсэбэп хъунущ мы къэк1уэну 1эмалхэр (методхэр):
Къэхутэныгъэ, проектнэ, зэгуры1уэныгъэ, продуктивнэ, репродуктивнэ, проблемнэ егъэджэныгъэ, еджак1уэхэм къазэрыщыхъу, экскурс, нэгъуэщ1хэри:
Мы къэк1уэну щытык1эхэр (формэхэр): щхьэзакъуэ лэжьыгъэхэр, къэ1уэтэныгъэ, зэпсэлъэныгъэ, къэ1уэтыныгъэмрэ зэпсэлъэныгъэмрэ зэгъусэу, нэгъуэщ1хэри
Еджак1уэхэм ягъуэта щ1эныгъэр къызэрапщытэ щ1ык1эхэр:
жьэры1уатэу блэк1а темэхэр къапщытэк1эрэ,
тхыгъэ лэжьыгъэхэр ятхк1эрэ,
тест лэжьыгъэхэр ягъэзащ1эк1эрэ, нэгъуэщ1эхэри
6-нэ класс къэзыуххэм яхузэф1эк1ын хуейщ:
диалектым ехьэл1а псалъэхэр литературэбзэм хыхьэхэм къыхагъэк1ыфын;
щыпсалъэк1и тхыгъэми къыхац1ыхук1ыфын адыгэбзэм езым еиж псалъэхэмрэ нэгъуэщ1ыбзэм
1эщ1агъэм хэхауэ епха (профессиональнэ) псалъэхэр практическэу я бзэм къыщагъэсэбэпын;
псалъэр зэрызэхэт 1ыхьэхэм хузэпкърыхын;
6-нэ классым щаджа псалъэ лъэпкъыгъуэхэмрэ абыхэм я грамматическэ щытык1эхэмрэ яхузэхэц1ыхук1ын;
1-6-нэ классхэм щаджхэм къыхэк1 орфограммэхэр къэгъуэтын, псалъэхэм я тхык1э тэмэмымрэ нагъыщэхэм я гъэувык1эмрэ я хабзэхэм щытхэк1э иригъуэзэн;
псалъэщ1э къыщыхъук1э, ударенэр зытехуэ пычыгъуэм зыщихъуэжк1э е зы псалъэ лъэпкъыгъуэр нэгъуэщ1 псалъэ лъэпкъыгъуэм щыхуэк1уэк1э, макъзешэ э, а-хэр щатхыр зэхэгъэк1ын;
псалъэ зэхэлъхэм я кум екъуа дэту щатхым и хабзэр щытхэк1э къэгъэсэбэпын;
определительнэ псалъэ зэпыщ1ахэр зэпыту щатхым иригъуэзэн, ахэр псалъэ зэхэлъхэм къыхэгъэк1ыфын;
къыупщытэ мыхъу орфограммэ зи1э псалъэхэр тэмэму тхыфын (6-нэ классым я тхылъым зыщрихьэл1эхэм тещ1ыхьауэ);
тхыгъэр зытепсэлъыхьыр убгъуауи, к1эщ1уи, хэчыхьауи къэ1уэтэжыфын, пейзажым, псэуалъэм и описанием щыщ 1уэхугъуэхэр хыхьэу;
сочиненэ зэратхын материал зэхуэхьэсыфын ик1и, зэрыщытын хуейм хуэдэу, зэк1элъыхьыфын, темэмрэ гупсысэ нэхъыщхьэмрэ 1уэхум къыхэлъытауэ;
езым къагупсыса рассказ зэхэлъхьэн, псэуалъэм, пейзажым тетхыхьыфын;
щ1ызэныкъуэкъу гуэрым теухуауэ тхыгъэ к1эщ1 тхыфын;
зэхалъхьа тхыгъэм къи1уатэмрэ зэрытха бзэмрэ ирагъэк1уэфын (яджа материалым тещ1ыхьауэ);
фразиологическэ псалъалъэр къэгъэсэбэпыфын.
Еджак1уэр зэреджэну тхылъыр, къигъэсэбэпыпхъэ тетрадыр:
Урыс Хь.Щ., 1эмырокъуэ И.1. «Адыгэбзэ» 6-нэ класс. Налшык: «Эльбрус», 2011.
Апажэ М.Хь. Адыгэбзэ тхылъым зэрылажьын тетрадь. Налшык: «Эльбрус», 2011.
Егъэджак1уэм къигъэсэбэпыну методическэ лэжьыгъэхэмрэ пособиехэмрэ:
Апажэ М.Хь. Адыгэбзэр 6-нэ классым. Егъэджак1уэхэм папщ1э. Налшык: Книга, 2013.
Балэ Л.Ф. Изложенэхэмрэ сочиненэхэмрэ.(5-11-нэ классхэм папщ1э). Налшык: «Эльбрус», 2008..
Джаурджий Хь.З. Адыгэ пэжырытхэмк1э лэжьыгъэхэр. Налшык: «Эльбрус», 1998.
Джаурджий Хь.З.Нагъыщэ гъэувык1эм зэрыхурагъаджэ методикэ. Налшык: «Эльбрус», 2007.
Тау Ж.Къу., Унэл1окъуэ В.Хь. Диктантхэмрэ изложенэхэмрэ. (5-9-нэ классхэм папщ1э), Налшык: «Эльбрус», 2006.
Джаурджий Хь.З., Дзасэжь Хь. Адыгэбзэр зэраджын методикэ. Налшык: «Эльбрус», 1993.
Урыс.Хь.Щ., Зэхъуэхъу Л.Хь. Адыгэбзэ орфографиемрэ пунктуацэмрэ я хабзэхэр. Налшык: «Эльбрус», 1963.
Урыс Хь.Щ., Тамбий Б.А. Адыгэбзэр 6-7-нэ классхэм: Егъэджак1уэхэм папщ1э чэнджэщхэр. Налшык: «Эльбрус», 1984.
Зэхъуэхъу Л.Хь. Орфографическэ псалъалъэ. Налшык: «Эльбрус», 1989.
Джаурджий Хь.З., Сыкъун Хь.Хь. Урыс-адыгэ школ псалъалъэ. Налшык: «Нарт», 1991.
Дзыгъуанэ Р.Хь., Шэру Н.Гъу. Адыгэбзэм и синонимхэм я псалъалъэ. Нальчик: «Эльбрус», 1997.
Автор гуп. Адыгэбзэ псалъалъэ. Москва, 1999.
Автор гуп. Урыс-адыгэ псалъалъэ. Москва, 1995.
Адыгэбзэ фразеологизмхэм я псалъалъэ. Налшык, 2001.
Источник статьи: http://infourok.ru/rabochaya-programma-v-kl-kabardinskiy-yazik-969655.html